Адыгэхэр дызэрыин икIи дызэрыпагэ лъэпкъ щIэныгъэм и купсэр, и фIыпIэр «щызэхуэхьэса» жылагъуэ зэгухьэныгъэщ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиер. Ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъуам хуэгъэпса конференцышхуэ иджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ. Зэхуэсым хэтащ ЩIДАА-м къызэщIиубыдэ абхъаз-адыгэхэм я щIэныгъэлI пажэу 80-м щIигъу. Ахэр къикIат Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм, Абхъазым, Тыркум. Иджырей хъыбарегъащIэ Iэмал пэрытхэр къагъэсэбэпу къызэрагъэпэща конференцым и лэжьыгъэм кIэлъыплъащ лъэпкъ Iуэхум мыхьэнэшхуэ езыт куэд.
КОНФЕРЕНЦЫР къызэIуихащ ЩIДАА-м и тхьэмадэ Къанокъуэ Арсен. Ар тепсэлъыхьащ Академием къикIуа гъуэгуанэм, зэфIигъэкIа Iуэхугъуэхэм, къэкIуэну зэманым къыпэщылъ къалэнхэмрэ мурадхэмрэ. Къанокъуэм къызэрыхигъэщамкIэ, тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь икIи гугъу къэзыкIуа ди лъэпкъыр ЩIДАА-м хуэзыша лъагъуэр тыншу щытакъым. Ар кIуэцIрыкIащ гукъеуэ инхэм, нэщIэбжьэ куэди къаIэщIэлъэгъуащ. А псор зи нэгу щIэкIа ди лъэпкъ уардэр зыми лъэгущIэт яхуэщIакъым, лIэщIыгъуэкIэрэ абы къыкIуэцIрихащ икIи къэкIуэну щIэблэхэм яхуихъумэфащ и щэнхабзэр, акъылыр, Iущыгъэр. Апхуэдэу лъэпкъыр игъащIэ лъандэрэ зэрыгушхуэу щыта хъугъуэфIыгъуэ псори зы щIыжыным, лъэпкъ гукъеуэмрэ гурылъымрэ къэIуэтэным, адыгэхэм я гум жьы дегъэхужыным хуэунэтIат 1991 гъэм накъыгъэм и 19-м къызэрагъэпэщауэ щыта Дунейпсо Адыгэ Хасэр. ЩIы хъурейм щикъухьа адыгэ хасэ цIыкIухэр къызэщIэзыкъуэжа ДАХ-м ди лъэпкъэгъу куэд зэригъэцIыхужащ, я гурылъхэмрэ мурадхэмкIэ зэдэгуэшэну Iэмал яритащ. ИкIи зы илъэс нэхъ дэмыкIыу, 1992 гъэм шыщхьэуIум и 23-м, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиер къызэрагъэпэщащ, УФ-м, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, профессор Нэхущ Iэдэм Мэрем и къуэм и жэрдэмкIэ. Нэхущращ абы и пашэу илъэс куэдкIэ щытари.
Ди лъэпкъым зиужьыным, ефIэкIуэным хуэлажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ инхэм ящыщщ ЩIДАА-р. Лъэпкъым и цIыху пэрыт псори зэхуэзышэсыфа къару лъэщ хъуащ нобэ Адыгэ Академиер. Физикхэм, химикхэм, тхыдэтххэм, медицинэм, гъуазджэмрэ литературэмрэ я лэжьакIуэхэм, н. къ. IэщIагъэлIхэм я закъуэкIэ пхузэфIэмыхын Iуэху куэд иIэщ ди лъэпкъым, атIэми, щIэныгъэлIхэм я акъыл зэхэдзэкIэ жыжьэ унэсыфынущ, адыгэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэри блэжьыфынущ. Апхуэдэ гупсысэхэмрэ мурадхэмрэ и гъуэгугъэлъагъуэу илъэс 30 лъандэрэ мэлажьэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэр, лъэпкъым хуэщхьэпэн Iуэхугъуэ купщIафIэхэр зэфIихыу, адыгэм бгъэдэлъ акъылымрэ зэфIэкIымрэ щIэныгъэ дунейм IупщIу къыщызыгъэлъагъуэ, Урысей Федерацэми хамэ щIыналъэхэми щыпсэу ди лъэпкъэгъу псори щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэзыпх зэгухьэныгъэу щыту.
– ЩIДАА-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэр 2018 лъандэрэ нэхъри щIэдгъэхуэбжьэжащ: дгъэбелджылащ мы лъэхъэнэм къытпэщылъ къалэнхэри зэман кIыхьым тещIыхьа мурадхэри, академием и Президиумыр и чэзум зэхохьэ, идогъэкIуэкI конференцхэр, нэгъуэщI зэхыхьэхэр, доубзыху проектыщIэхэр, къыдыдогъэкI щIэныгъэ литературэ, долэжь лъэпкъ тхыдэм, бзэщIэныгъэм, щIыуэпсым ятещIыхьа тхыгъэ инхэр дунейм къытегъэхьэным. «ЩIДАА-м и докладхэр» журналыр щIэныгъэ къыдэкIыгъуэ пашэхэм я реестрым хагъэхьащ. Ди гуапэ зэрыхъущи, 2019 – 2022 гъэхэм, къанэ щымыIэу, къыдэкIащ абы и номер псори, – жиIащ Къанокъуэм. – Академием зиужь зэпытщ. БлэкIа илъэсхэм къриубыдэу абы къыхыхьащ ябгъэдэлъ щIэныгъэрэ зэфIэкIкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа IэщIагъэлI 24-рэ. Нобэ ЩIДАА-м къызэщIеубыдэ цIыху 291-рэ, щIыхь зиIэ, действительнэ членхэри, член-корреспондентхэри хэту. Абыхэм яхэтщ УФ-м и щIыналъэхэм щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэхэр. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академикщ адыгэ еджагъэшхуэхэу Щоджэн Iэсхьэд, Бэлагъы Юрэ, Щоджэн Юрэ сымэ. РАН-м и член-корреспондентхэщ Тембот ФатIимэ, Хьэмыз Руслан сымэ.
Академием хэт адыгэ щIэныгъэлIхэм я ехъулIэныгъэхэр лъэпкъ щхьэхуэм и хъугъуэфIыгъуэм и мызакъуэу, дунейпсо щIэныгъэ мылъку хъуащ. А псоми хуэлэжьащ, ноби хуолажьэ ЩIДАА-м и къудамэхэр. Ахэр 8 мэхъу икIи дэтхэнэри щIэныгъэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэм йолэжь. Апхуэдэхэщ тхыдэ-филологие, химие, медико-биологие, физикэ къудамэхэр, энергетикэмрэ механикэмкIэ къудамэр, математикэмрэ нано-хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ, къызэрабж IэмалхэмкIэ къудамэр, щIымрэ щIыуэпсымрэ ехьэлIа къудамэр, жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ къудамэр. ЩIДАА-м и щIэныгъэ центрхэр щолажьэ Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар крайм, Москва къалэм. Апхуэдэу Академием и къудамэ щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщащ хамэ къэралхэми. Мэлажьэ ЩIДАА-м Адыгэ щIэнгъуазэмкIэ и институтыр, МатематикэмкIэ, нано-хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ дунейпсо институтыр. «Адыгэхэр-2040. Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэхэр» проектым ипкъ иткIэ, Академием зэхуэс зэмылIэу- жьыгъуэхэр, щIэныгъэ конференцхэр ирегъэкIуэкI.
ЩIДАА-м и нэIэм щIэту иужьрейуэ къыдэкIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ инхэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ къызэщIэзыубыдэ, томи 4 хъу тхыгъэхэр (зыгъэхьэзырар Дзэмыхь Къасболэтщ), «Къэбэрдей-шэрджэс литературэм и тхыдэ» (БакIуу Хъанджэрий и редакцэм щIэту), нэгъуэщIхэри. Мы илъэсым зэфIокI «Адыгэ хабзэ» тхылъыр бзэ зыбжанэм къигъэтIэсэным хуэгъэпса проектым елэжьынри. Академием гулъытэ хуещI псапэ лэжьынми щIалэгъуалэм Iуэху ядэщIэнми.
Къанокъуэ Арсен ищIа доклад нэхъыщхьэм пащэу конференцым къыщыпсэлъащ ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, академием и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий сымэ, нэгъуэщIхэри. Зэхуэсым къриубыдэу ЩIДАА-м хагъэхьащ академикхэр, член-корреспондентхэр.
ЩIДАА-м и лэжьыгъэм жыджэру хэтхэм хуагъэфэщащ КъБР-м и Парламентым, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.