Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъуам хуэгъэпса щIэныгъэ-практикэ конференц ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ.
АБЫ хэтащ республикищым я лIыкIуэхэр, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм ящыщу Академием хэтхэр.
ЗэIущIэр къызэIуихри, къызэхуэсахэм захуигъэзащ ЩIДАА-м и унафэщI, сенатор, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къанокъуэ Арсен.
Абы жиIащ КъБР-р, КъШР-р, АР-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур езы щIыналъэхэмкIи къэралымкIи Iуэхугъуэ дахэу, ину зэрыщытыр.
– БлэкIа лIэщIыгъуэм и тхыдэ Iэужьхэр дигу къэдгъэкIыжу къыщызэщIэткъуэж нобэрей зэIущIэм и мыхьэнэр инщ, - жиIащ Къанокъуэ Арсен. Абы и псалъэм къыхигъэщащ ди щIыналъэхэм къэралыгъуэ щагъуэтам щыщIэдзауэ лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызаужьар. ЩыIэкIэ-псэукIэр, экономикэр, егъэджэныгъэр, щIэныгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ Iэмал инхэр къыкъуэкIат. Ауэ щыхъукIи, лъэпкъхэм я хабзэмрэ псэкупсэ лъапIэныгъэхэмрэ яхъумэжынымкIэ, зрагъэужьынымкIэ куэдкIэ сэбэп хъурт щIыналъэхэм ягъуэта лъага- пIэщIэр.
– Ноби ди щIыналъэхэм ехъулIэу заужь. МэкъумэшхэкIым хохъуэ, туризмым, хьэрычэт цIыкIумрэ ику итымрэ йофIакIуэ. А псомкIи федеральнэ центрыр щIэгъэкъуэн мэхъу, – жиIащ Къанокъуэм.
АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ ЩIДАА-м и вице-президент, КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгей институтым и унафэщI, философие щIэныгъэхэмкIэ доктор ЛIэужь Iэдэм. Абы зэрыжиIамкIэ, мы конференцыр щIыналъищым я илъэс бжыгъэ дахэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща дауэдапщэхэр къызэщIэзыкъуэж Iыхьэщ.
Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областыр щызэфIэувэм ар зыIууа лъэпощхьэпохэм я гугъу ищIащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъагъуэ и IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къэжэр Артур.
КъШР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым КъШР-м ис лъэпкъхэм я этнологиемрэ гъуазджэмкIэ къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ Шенкао Маргаритэ и гугъу ищIащ революционер цIэрыIуэ ГъукIэкъул Даут и IуэхущIафэмрэ абы щIыналъэм хуилэжьамрэ.
КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгей институтым тхыдэмкIэ и къудамэм и унафэщI ХьэщIэмыз Къазбэч и къэпсэлъэныгъэр Адыгей автоном областыр зэфIэувэнымкIэ ХьэкIуратэ Шахъан-Джэрий хуищIа хэлъхьэныгъэм теухуат.
КъБР-м и Парламентым и Аппаратым и унафэщI Хьэмыкъуэ Аслъэн, КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Адыгей институтым тхыдэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Понэжь Аскэр сымэ, нэгъуэщIхэри къыщыпсэлъащ зэIущIэм.
Дунейпсо Адыгэ Академием и щIэныгъэ секретарь нэхъыжь, биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Щхьэгъэпсо Сэфарбий конференцыр къызэщIикъуэжу къыщыпсалъэм, абы щащIа докладхэр Адыгэ Академием и журналым 2023 гъэм и япэ къыдэкIыгъуэм зэритынур жиIащ.
АдэкIэ зэIущIэм и гугъу щащIащ ЩIДАА-м щIэуэ хагъэхьахэм, псори зэхэту цIыху 24-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщщ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, тхакIуэ Къаныкъуэ (Фырэ) Анфисэ. Ди гуапэ дыдэу дохъуэхъу ди лэжьэгъум.