Заместитель председателя Комитета Совета Федерации по международным делам представитель от исполнительного органа государственной власти Кабардино-Балкарской Республики
12 января 2021 г.
Къанокъуэ Арсен и жэрдэм
АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2020 гъэ гугъум Iуэху дахэ куэди къыщыхъуащ. Абы­хэм ящыщщ 2019 гъэм ЩIэныгъэхэм Дунейпсо Адыгэ Академием и нэIэ щIэту абы и Президент Къа­нокъуэ Арсен иригъэ­жьа Iуэхум кIэух дахэ зэригъуэтар. 
Зи гугъу тщIыр псапащIэ егъэджэныгъэ программэращ. Къанокъуэ Арсен къыхилъхьэри, адыгэ щIалэ­гъуалэм папщIэ зэпеуэ гъэщIэгъуэн ирагъэкIуэ­кIащ. ЩIалэгъуалэм ящыщу нэхъ акъылыфIэу 26-рэ къа­хахри, хамэ къэрал еджа­пIэ нэхъыфIхэм я щIэ­ныгъэр щыхагъэхъуэну щIэ­тIысхьэнымкIэ сэбэп хъуащ. 
А псоми еджапIэхэм зыпащIащ, ауэ дуней псом ще­кIуэкI пандемием къыхэкIыу, ныбжьыщIэхэр щеджэну къэ­ралхэм зэкIэ нэсыфакъым. ГурыфIыгъуэщ мызыгъуэгукIэ цIыхуийр еджэным зэрыпэрыхьар. 
Уэршыкъуэ Альбертрэ Тхьэмокъуэ Iэминэрэ Инджылызым щыIэщ, Пщынокъуэ Дианэ Нидерландхэм нэсащ, Батыр Мухьэмэдрэ Жынэ Сэтэнейрэ Швейцарием щоджэ, Хьэмыз Залым Франджым кIуащ, Тау Анзор Бельгием щыIэщ, Гуэщо­къуэ Марианнэ Испанием лъэтащ. 
Адрейхэр зэкIэ поплъэ къыхыха еджапIэ нэхъыщ­хьэхэр здэщыIэ къэралхэм я бжэхэр щызэIуахыжынум. 
ЕджакIуэ кIуахэм жэуап­лыныгъэ ин яхэлъу Iуэхум пэрыхьащ, гъэщIэгъуэн куэди ялъагъуну хунэсащ. Ахэр инстаграмым щаIэ напэ­кIуэцI­хэм къыщаIуатэ. 
Къанокъуэ Арсен Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэу щыщытам цIыху 300-м нэблагъэ нэ­гъуэщI къэ­ралхэм щри­гъэджауэ щытащ икIи ­илъэ­гъуащ абы къыпэ­кIуа ­сэ­бэпынагъыр. Иджы ­ЩIДАА-м и нэIэ щIэту илъэ­сым цIыху 50 хуэдиз ­игъэкIуэну зэримурадымкIэ къыддэгуэшащ. 
- Япэ зэпеуэм къыхыхьэу зи зэфIэкI зыгъэлъэгъуа адыгэ ныбжьыщIэхэм фIы­щIэ яхузощI. Сэ хьэкъ сщыхъуащ: апхуэдиз зэфIэкI, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ интеллигент щIалэгъуалэ дыщиIэкIэ, адыгэм къэкIуэн дахэ къыпоплъэ. Дэ мис абыкIэ дэIэпыкъуэгъу дыхъун хуейщ, IуэхуфIхэр дгъэбагъуэрэ, жэрдэм зиIэхэмрэ жыджэрхэмрэ за­щIэд­гъакъуэу. 
ПщIэ щIэтту еджакIуэ дгъа­кIуэхэм къалэн гугъу яхуэдгъэувкъым. ЕджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфI дыдэ­хэр къауха нэужь, ахэр дэни щылажьэ хъунущ, ауэ я бзэр, я хабзэр зыщагъэ­гъупщэ хъунукъым. Дэнэ щыпсэуми, щылажьэми, я хэкужь къагъэзэжынущ абы­хэм, я лъэпкъым къы­хуэ­сэбэпынущ. Дэ аращ зы­тетщIыхьыр. Еужьэ­рэ­кIыу зызыхъуэж мы дунейм ди лъэпкъыр декIуу дэба­къуэмэ, икъукIэ къытщхьэ­пэ­жынущ, - жеIэ Къано­къуэм.