Къанокъуэ Арсен: Си мурадхэм ящыщу япэр – си Хэкум схузэфIэкI хуэсщIэнырщ
Политик цIэрыIуэ, 2005 – 2013 гъэхэм КъБР-м и Iэтащхьэу щыта Къанокъуэ Арсен иджы илъэс еплIанэ хъуауэ къэрал IэнатIэ пэрыту ди лъахэм и зыужьыныгъэм хуолажьэ – ар УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэщ, ФС-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэм и къуэдзэщ.
Къанокъуэ Арсен Башир и къуэр 1957 гъэм Шытхьэлэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школ нэужьым, Москва дэт мэкъумэш хозяйствэмкIэ институтым, Плехановым и цIэр зезыхьэм, и сату-экономикэ факультетыр къиухащ. Сатум епха Iуэху куэд зэригъэкIуэкIащ. КъБР-м и лIыкIуэу УФ-м и Президентым деж щыIэм и къуэдзэу щытащ 1998 – 2003 гъэхэм.
2003 гъэм и дыгъэгъазэм УФ-м и Къэрал Думэм и еплIанэ лэжьэгъуэм и депутату хах, ЛДПР фракцэм щолажьэ, илъэс докI- ри «Урысей зэкъуэт» политикэ партым хохьэж, партым и Ипщэ зэзыгъэуIу советым и тхьэмадэм и къуэдзэу, Къэрал Думэм Бюджетымрэ налогхэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэу, Къэрал Думэм Кавказ Ищхъэрэ IуэхухэмкIэ и комиссэм хэту мэлажьэ.
А лъэхъэнэхэм Къанокъуэ Арсен псапэ зыпылъу иригъэкIуэкI IуэхухэмкIэ, мылъкукIэ цIыхухэм зэрызащIигъакъуэмкIэ, щэнхаб-зэ зэхыхьэ инхэр къызэгъэпэщыным и ахъшэ зэрыхилъхьэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым фIыуэ къыщацIыхуат. Абы и мылъкукIэ Налшык щаухуащ мэжджыт, Кавказ зауэм хэкIуэда-хэм я фэеплъ, «Интурист» хьэщIэщыр, «Эльбрус» рестораныр зэрагъэпэщыжащ, иужькIэ нэгъуэщI ухуэныгъэхэри ищIащ, IуэхущIапIэхэр къызэIуихащ.
2005 гъэм фокIадэм и 27-м Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къигъэлъагъуэри, Къанокъуэ Арсен КъБР-м и Iэтащхьэу хахауэ щытащ. 2010 гъэм Къанокъуэр етIуанэу хахыжри, а къулыкъум тетащ 2013 гъэм дыгъэгъазэм и 6 пщIондэ.
2013 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м КъБР-м и Парламентым и УнафэкIэ Къанокъуэ Арсен УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым ягъэкIуащ.
Къанокъуэм и пщэ далъхьа къулыкъухэм ехъулIэныгъэхэр иIэу зэрыпэрытым, и хэкум псэ хьэлэлкIэ зэрыхуэлажьэм пап-щIэ къэрал дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ, абыхэм ящыщщ «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и IV нагъыщэр (2010 гъэ), Зэныбжьэгъугъэм и орденыр (2007 гъэ), «Мамырыгъэмрэ псапэ зыпылъ Iуэхумрэ зэрыхуэлажьэм папщIэ» дыщэ медалыр (2008 гъэ), нэгъуэщIхэри.
Сенатор Къанокъуэр УФ-м и Президент Путин Владимир и жылагъуэ зэIущIапIэу Налшык дэтым къокIуэ цIыхухэм щаIущIэну, я щхьэ IуэхукIэ зыкъыхуэзыгъазэхэм я гуныкъуэгъуэхэм щIодэIу, а гугъуехьхэр зэфIэхынымкIэ сэбэп мэхъу. Апхуэдэу иджыблагъэ къызэрыкIуэжар къэдгъэсэбэпри, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- Арсен, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым щебгъэкIуэкI лэжьыгъэм, уи къулыкъум къызэщIиубыдэ къалэнхэм укъытхутепсэлъыхьамэ арат.
- Сэ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и комитетым и Iэтащхьэ Косачёв Константин срикъуэдзэщ. Абы нэмыщI, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум хыхьэ къэралхэм я Парламентхэмрэ ФедерацэмкIэ Советымрэ я зэдэлэжьэныгъэр къызэщIэгъэуIуэныр си пщэ дэлъщ, Урысей-Эмират лэжьыгъэ (деловой) советым сритхьэмадэщ. ФС-мкIэ къыщыщIэддзэнщи, ди комитетыр нэхъыбэу зи ужь итыр хамэ къэралхэм щыдиIэ лIыкIуэхэр хэхынырщ, дипломатие, политикэ, экономикэ, сыт хуэдэ унэтIыныгъи къащти, Урысейр адрей къэралхэм зэрадэлэжьапхъэ жыпхъэхэр убзыхунырщ. Къапщтэмэ, фэри фыщыгъуазэщ иджыпсту дунейм къыщекIуэкIым. ДэнэкIэ зыбгъазэми, гугъуехь куэд щыIэщ, зауэ йокIуэкI, ар, шэч хэмылъу, дэри къыджьэхоуэ, лэжьыгъэкIэ дызэрызэпыщIам къыхэкIыу. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Сирием, Иракым, Ливием щекIуэкI зэпэщIэувэныгъэхэм иджыпсту ди нэIэ нэхъ тетщ, Урысейр зэрыхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуну иужь итщ зауэ, зэпэщIэувэныгъэ здэщыIэ къэралхэм.
Псалъэм папщIэ, зы тхьэмахуэ ипэкIэ Сирие Хьэрып Республикэм и Лъэпкъ ЦIыхубэ Советым и унафэщI Хадия аль-Аббас я нэхъыжьу депутат гуп къакIуэри, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и спикер Матвиенкэ Валентинэ, нэгъуэщI къулыкъущIэхэм, дин лэжьакIуэхэм яхуэзащ. Ахэр къегъэблэгъэныр си пщэ къыдалъхьэри, Москва щыIэху срагъусащ. Дэ дытепсэлъыхьащ ди Парламентхэр зэрызэдэлэжьэфынум, Сирием иджыпсту и Iуэхур зытетым, УФ-мрэ СХьР-мрэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэр зэрыбыдэр иужьрей илъэсхэм къызэрагъэлъэгъуам, нэгъуэщIхэми. Сирием иджыпсту нэхъ дыпыщIащ, езыхэр къакIуэми, дэ дыкIуэми Iуэхур зыIутымрэ адэкIэ щIапхъэхэмрэ зэпкърыдохри, ди гупсысэр УФ-м и Президентым и деж ныдогъэс. Сэ си къалэным нэхъыбэу къызэщIиубыдэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъуращи, нэхъ быдэу сызыдэлажьэхэм ящыщщ нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ министрым и къуэдзэ, УФ-м и Президентым КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ Африкэмрэ хыхьэ къэралхэмкIэ и лIыкIуэ хэха Богданов Михаил. Абырэ сэрэ ди Iуэху еплъыкIэ зэтехуэу хуабжьу тыншу, купщIафIэу дызэдолажьэ. Урысей-Эмират зэдэлэжьэкIэмкIэ советыр къапщтэмэ, нэхъы-бэу зиужь дитыр Урысей Федерацэмрэ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэмрэ я сату-экономикэ Iуэхум ехьэлIа зэдэлэжьэныгъэм зегъэубгъунырщ, хьэрычэтыщIэхэм яхуэзэнырщ, лъэныкъуитIым я дежкIи фейдэ къызыпэкIуэн зэгурыIуэныгъэхэр зэухылIэнырщ. АбыкIэ сэбэп мэхъу урысей хьэрычэт Iуэхухэр Эмиратхэм щызэтеублэныр, абыкIэ къикI инвестицэхэр ди къэралым къыхегъэлъхьэныр.
- Дунейпсо зэпыщIэныгъэм, зэдэлэжьэныгъэм уи гуащIэу хэплъхьэм къыдэкIуэу, уи пщэрылъхэм ящыщщ ди республикэм и лIыкIуэу ФедерацэмкIэ Советым узэрыщыIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым, республикэ унафэщIхэм-рэ уэрэ дауэ фызэдэлажьэрэ? Сыт хуэдэ къалэн сенаторым игъэзащIэр?
- УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ- сым ФедерацэмкIэ и Советым сэ – КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу, Ульбашев Мухьэрбий республикэм закон къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм къыбгъэдэкIыу дыщыIэу аращ. Си лэжьыгъэм ипкъ иткIэ, сытым дежи КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий сопсалъэ, сыхуозэ, тыншу, хъарзынэу дызэдолажьэ. Иджыпсту ди къарур нэхъ зэтар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и экономикэм тегъэпсыхьа проектхэр Москва деж щыпхыгъэкIынырщ, экономикэ зыужьыныгъэр егъэфIэкIуэнырщи, зэрытхузэфIэкIкIэ абы иужь дитщ. Сы-тым дежи ди Iуэхур нэхъ ипэ- кIэ зэрыдгъэкIуэтэн, къытлъыкъуэкI гугъуехьхэм я хэкIыпIэхэр нэхъ псынщIэу къэдгъуэтын, зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр къыдэхъулIэн папщIэ щыIэ Iэмалхэр къэдгъэсэбэпыным дыпылъщ. СызэреплъымкIи, зым иужьи зыкъидмыгъанэу долажьэ. Псори дызэгъусэу дыхущIокъу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIхэм федеральнэ къулыкъущIапIэхэр щыгъуазэу щытыным, абы и псэукIэм зиужьын папщIэ дэIэпыкъуэгъу хъуным, федеральнэ, республикэ IуэхущIапIэхэр тыншу зэдэлэжьэным.
- Арсен, сенаторымрэ хэгъуэгум щыпсэу цIыхухэмрэ зэрыщIэн, зэхуэзэн хуейщ. Уэ дауэ къохъулIэрэ а лэжьыгъэр?
- Пэжщ, ар ди лэжьыгъэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ, цIыхухэм дахуэзэу, зыгъэпIейтейхэр зэдгъэщIэн, тхузэфIэкIымкIэ сэбэп дыхъун хуейщ. УФ-м и Президент Путин Владимир и жылагъуэ зэIущIапIэу Налшык дэтым пIалъэ-пIалъэкIэрэ цIыхухэм сащыхуозэ. Иджыри апхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ сыкъэкIуэжауэ аращ. Нэхъапэми иджыри сэ зыкъысхуэзыгъэза ди цIыхухэр нэхъыбэу зыгъэгузавэр я щхьэм, я бынхэм я узыншагъэрщ, я псэукIэр зэрымыщIагъуэрщ, лэжьыгъэ IэнатIэ зэрамыгъуэтырщ, я сабийхэр зэрырагъэджэн ахъшэ зэрамыIэрщ. Къапщтэмэ, ди республикэм щыщыIэ гугъуехьхэр Урысей псом къыщекIуэкIым къыкIэрыхуркъым. Иджыпсту экономикэр кризисым иубыдауэ зэрыщытым къыхэкIыу, цIыхухэм яIэ хэхъуэр, къалэжьыр псэун пап-щIэ зыхуейм нэхърэ нэхъ мащIэщ, яхурикъуркъым. КъищынэмыщIауэ, жылагъуэр щIым телэжьыхьынымкIэ, я хьэрычэт Iуэху гуэр къызэрагъэпэщынымкIэ сэбэп сыхъуну сфIэфIщ, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ IэмалкIэ я щхьэ нэхъ ягъэпсэужыфынущ, мылъку хуэныкъуэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъунущ. ЦIыхухэм я щхьэр япIыжыфмэ, езыхэри къэралри нэхъ тыншыну аращ.
- Ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэрал зыбжанэм дыщыIащ, я щыIэкIэ-псэукIэр зэдгъэлъагъуну, датетхыхьыну. Абы къищынэмыщIауэ, ИнтернеткIэ куэдым дапыщIащи, сыт щыгъуи согъэщIагъуэ дэни уи цIэр фIыкIэ щыжаIэу, къыпхуэхъуахъуэу зэрызэхэсхыр. Ар зэпхар ди республикэм и Iэтащхьэу узэрыщытам, иджыпсту къэрал къулыкъу зэрызепхьэм я закъуэкъым. АтIэ уэ хэхэс адыгэхэм щIэх-щIэхыурэ уазэрыхыхьэрщ, яхуэпщI гулъытэрщ, уи мылъкукIэ уазэрыдэIэпыкъурщ. Апхуэдэхэр уи лэжьыгъэ IуэхукIэ уежьа нэужькIэ щызэфIэбгъэкIыр? Хьэмэрэ уи щхьэ IуэхукIэ нэгъуэщI къэралхэм ущыкIуэкIэ хэхэс адыгэхэм уащыхыхьэр?
- ТIум хуэдэуи щыхъу щыIэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ адыгэ щыпсэу къэрал сыкIуауэ ди къуэшхэм сащIэмыупщIауэ, захуэзмыгъэзауэ зэи сыкъэкIуэжыркъым. СыкъыщыувыIа къалэм деж япэ дыдэу сызыщIэупщIэр Адыгэ Хасэ гъунэгъуу щы- Iэ-щымыIэращ. Мис иджыблагъэ Кёльн сыщыIати, абы сикIри Франкфурт-на-Майне сыкIуащ. КъалитIми щылажьэ Адыгэ Хасэхэм сыщыхьэщIащ. СыздэкIуа къалэм адыгэу дэсыр зэрымащIэм къыхэкIкIэ, Хасэ щыщымылажьи къохъу, ауэ Iэмал имыIэу ди къуэшхэм сахуозэ. Япэм, нэхъ щхьэхуиту сыщыщытым, нэхъыбэрэ сахыхьэрт ди лъэпкъэгъухэм, иджы къэрал IуэхукIэ сежьэу арами, абыхэм сащыхуэзэн зэман къыдызогъахуэ. Хэхэс адыгэхэм пщIэ лей яхузощI, сыту жыпIэмэ, лIэщIыгъуэрэ ныкъуэрэ хъуауэ хамэм яхэс пэтми, я хабзэр, лъэпкъ щIэинхэр яхъумэжыным, я бзэр зэраIэщIэмыхуным пылъхэщ. Ар къызолъытэри, зэрысхузэфIэкI-кIэ садоIэпыкъу. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Израилым щыIэ Кфар-Камэ адыгэ жылэм Адыгэ музей щолажьэ, къэрал псом исыр екIуалIэу, зыгъэпсэхуакIуэ нэгъуэщI щIыпIэхэм икIауэ кIуэхэри дыхьэрэ зыщаплъыхьу. Абы къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэдым щыщ нэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIахэм къыщащIэ шэрджэсхэр дызищIысыр, ди шыфэлIыфэр, ди хабзэхэр зыхуэдэр. Адыгэр дызэрыс хэкужьым къэмысыф куэд щызэблокI абы, ди хъыбар зэи зэхэзы-мыхахэм яфIэгъэщIэгъуэн Iэджэ къыщащIэ.
- А Адыгэ музейми къыщытхуащIат уи гугъу, уеблэмэ уи цIэр зэрихьэу пэш хэха зэриIэри тлъэгъуащ.
- Дауэ абыхэм уигу зэрыхамыгъэхъуэнур, нэхъри заужьынымкIэ уазэрыдэмыIэпыкъунур? А музейр нэхъапэм нэхъ цIыкIуу щытащ, ауэ къакIуэхэм я бжыгъэр куэдт, зрагъэубгъуну хуейти, садэIэпыкъуащ. ДяпэкIи Тхьэм иригъэфIакIуэ. Иорданием Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрышхуэ щащIырти, абыи си мылъку яхухэ- слъхьащ. Сириеми Америкэми щыпсэу адыгэхэм апхуэдэ гулъытэ яхуэсщIащ. Ахэр нэхъ гумащIэу, хабзэжьхэр ящIэжу нэхъ къызэтенащ дэ нэхърэ. ЗымащIэ фIэкIа яхуумыщIэми, фIыщIэшхуэ къыпхуащI, сыткIэ сывдэIэпыкъун щыжыпIэкIэ, зыкъыптрамыгъэхьэлъэн щхьэкIэ зыкъуамыгъэщIэну хэтщ. ИтIани, зыщыщыр ящIэжу, я хабзэ яIыгъыжу къэгъуэгурыкIуэным мыхьэнэшхуэ иIэщи, сэ сыт щыгъуи садэIэпыкъуну сыхьэзырщ.
- Москва дэс адыгэхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, абы щыпсэухэм нэмыщI, лэжьакIуэ кIуэ щIалэгъуалэр куэдщ. Абыхэм я хъыбар пщIэрэ, хабзэр, щэнхабзэр яIэщIэмыхунымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм ущыгъуазэ?
- Москва щыпсэухэр, щеджэхэр, щылажьэхэр, сэ зи гугъу сщIыр адыгэхэращ, нэхъыбэу зи нэIэ щIэтыр Адыгэ щэнхабзэмкIэ фондырщ. Мис абы сыпыщIащ сытым дежи икIи мылъкукIэ садоIэпыкъу. ДяпэкIэ нэхъ зэщIэгъэуIуауэ дызэдэлэжьэн мурадкIэ, иджыблагъэ Iуэху зыбжанэ едгъэжьащ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, «Синдика» сатущIыпIэ ин дэтщIыхьащ къалащхьэм. Абы пэш ин зыбжанэ щыхухэтхащ адыгэ Iуэхум. Шорэ Андзор сабийхэр къыщигъэфэн, щэнхабзэ зэхыхьэхэр щригъэкIуэкIын пэшхэр еттащ, абы ныбжьыщIэхэм щадэлэжьэнущ, сабийхэм бзэр щрагъэщIэнущ. КъищынэмыщIауэ, спортымкIэ секцитI-щы къызэIутхыу адыгэ сабийхэр къетшэлIэну ди мурадщ.
Мыдрейуэ, Москва зыкъыщагъэлъэгъуэну е пшыхь гуэр щрагъэкIуэкIыну, зыгуэр щагъэлъэпIэну ди лъахэгъухэр ныщыкIуэкIэ, Iэмал имыIэу за- щIыдогъакъуэ. Гугъуехь къызылъыкъуэкIхэм дадоIэпыкъу. Псоми си Iэр нэсу схужыIэнукъым, ауэ зыкъытхуэзыгъазэхэр дгъэщIэхъуркъым.
- Ди республикэм илъэс бжыгъэкIэ и тхьэмадэу ущытащ, ноби абы и зыужьыныгъэм ухуэлажьэу Москва ущыIэщ. ДяпэкIи зэманым декIуу зиужьын щхьэкIэ сытым нэхъ тегъэщIауэ лэжьэн хуей, уэ узэреплъымкIэ?
- Сэ сызэреплъымкIэ, иджыпсту КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ абы и унафэм щIэтхэмрэ хъарзынэу зэдолажьэ, республикэм зиужьын папщIэ къэрал программэхэр зэрыхъукIэ къагъэсэбэп. Зэманым сыткIэ удекIун хуей жыпIэмэ, щIэуэ къежьэр къэщэхун, Iуэхум къыщыгъэсэбэпын хуейщ, ар зыхузэфIэкIыну IэщIагъэлIхэр ебгъаджэу. Сыту жыпIэмэ, экономикэм зедмыгъэужьмэ, IэмалыщIэхэр къытхуэмыгъэсэбэпмэ, зы Iуэхуи пхуэгъэкIуэтэнукъым. Медицинэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, нэгъуэщIхэми гугъу уадехьынущ, уэ езым ахъшэ къыпхуэмылэжьыжмэ. Иджыпсту фейдэ, хъер къыпэкIуэну зыщыгугъхэм ящыщщ вольфрам-молибден заводыр зэрызэфIагъэувэжыр, полимер къабзэхэр къыщIэзыгъэкIыну «Этана» производствэ иныр зэраухуэр, нэгъуэщI Iуэхушхуэхэри зэрагъэкIуатэр. А псоми ятепщIыхьмэ, ди лъахэм и Iуэхур Iейуэ схужыIэнукъым. Уи упщIэм и жэуапыр зы псалъэухакIэ жыпIэмэ, КъБР-м и къэкIуэнур зыхэслъагъуэр IэмалыщIэхэр зи лъабжьэ экономикэ зыужьыныгъэращ. Ди лъахэм и беипIэхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ лъапэ. Дэ Iэмал имыIэу туризмэми зедгъэужьын хуейщ, цIыху нэхъыбэ къетшэлIэным зыгъэпсэхупIэхэр хуэгъэпсыпхъэщ. КъищынэмыщIауэ, ди цIыхухэр щIым телэ-жьыхьыну яфIэфIщи, мэкъумэш IэнатIэм гулъытэ хэха игъуэтын хуейуэ къысщохъу. Абы папщIэ цIыхухэм щIыр хуит яхуэщIы- ныр хэкIыпIэщ, абы халъхьэн ахъшэмкIэ ядэIэпыкъупхъэщ. Экономикэр, туризмэр, мэкъумэш IэнатIэр – мис а лъэныкъуищыр дэ сыт щыгъуи къытхуэсэбэпынущ, ди зэфIэкIрэ акъылрэ етхьэлIэрэ зедгъэужьыфмэ. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу зым иужьи дыкъызэримынэнур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди цIыхухэр лэжьакIуэшхуэщ, щIэныгъэ ябгъэдэлъщ. Аращ псом нэхърэ нэхъыщхьэр.
- Уи мурадхэм дыщыбгъэгъуэзэн?
- Си хъуэпсапIэр пщIэрэ? Сэ сыкъыщалъхуа, сыкъыщыхъуа, сыщылэжьа Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зиужьу, абы щыпсэу цIыхухэм я Iуэху дэкIыу слъагъунырщ. Си мурадхэм ящыщу япэр – си хэкум схузэфIэкI хуэсщIэнырщ, си лэжьыгъэрэ зэфIэкIкIэ ди республикэм зыщIэзгъэкъуэнырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ схузэфIэкI къэзгъэнэнукъым. Сэ Iуэху куэдым иужь ситщ, мурад куэд сиIэщ. ЗэрыжаIэу, жэщи махуи солажьэ, сызэлэжьыр сигу ирохьри, абы жыджэру, жэуаплыныгъэ пылъу сыпэрытщ. Абыхэм ящыщ си хэкум къыхуэзгъэсэбэпыфмэ, ар си дежкIэ ехъулIэныгъэшхуэщ.